«Адыгэ зэщlыгъукlэхэр»
Комментарии (34)
Адрей лъэпкъхэм къарыхэщу адыгэхэм зэщlыгъукlэ хабзэ дахэ яlэщ. Лъэпкъым ар къыщlигупсысар къуажэ кlуэцlым е гъуэгум жыжьаплъэу къакlуэхэр зэрызыхущытыр наlуэу ящыхъун папщlэщ, емыкlу къамыхьынырщ. А хабзэхэр куэд дыдэ мэхъу, нэхъыщхьэхэр мыхэращ:
1. Цlыхуитl кlуэмэ- нэхъыжьыр сыт щыгъуи ижьымкlэ щытщ.
2. Цlыхухъурэ бзылъхугъэмрэ кlуэмэ- бзылъхугъэр ижьрабгъумкlэ щытыпхъэщ. Цlыхухъум и сэмэгурабгъумкlэ къэувыну хуитыр и щхьэгъусэ закъуэращ.
3. Цlыхухъуитlрэ зы бзылъхугъэмрэ зэгъусэмэ- бзылъхугъэм сыт имыныбжьми яку дэтыпхъэщ, цlыхухъу нэхъыжьыр сэмэгумкlэ къоув, нэхъыщlэр-ижьымкlэ.
4. Цlыхуищ зэгъусэмэ- нэхъыжьыр яку дэтщ, абы къыкlэлъыкlуэр-сэмэгумкlэ, нэхъыщlэр-ижьымкlэ. Шухэми я увыкlэр апхуэдэщ.
5. Цlыхухъум бзылъхугъуитl игъусэмэ-цlыхуэъур(щlалэми) яку дагъэувэ. Ауэ а щlалэм и анэр ахэтмэ- ар яку дэтщ, езыр сэмэгум къоув.
6. Цlыхуиплl зэгъусэмэ- нэхъыжьым къыкlэлъыкlуэр ибгъу сэмэгумкlэ къоув, абы и ижьымкlэ нэхъыжь дыдэр, ныбжькlэ ещанэр- нэхъыжьым и ижьрабгъум, нэхъыщlэр- и гъунэ дыдэм. Шу гъуэгурыкlуэхэми я увыкlэр апхуэдэщ, ауэ пщымрэ хьэщlэмрэ сыт ямыныбжьми нэхъыжьыпlэр иратт.
Мы хабзэм ущытепсэлъыхькlэ мыхэри щlэн хуейщ:
* Адыгэхэр сыт щыгъуи зэрышэсри, зэрепсыхри-сэмэгурабгъумкlэщ. Ауэ нэщхъеягъэ хъыбаркlэ ирагъажьэмкlэ- зэрышэсри зэрепсыхри ижьрабгъумкlэ.
* Нэхъыщlэр нэхъыжьым зы лъэбакъуэ ныкъуэкlэ иужь итын хуейщ.
* Шууитl зэхуэзамэ-уанэгум зыкъытраlэтыкlу фlэхъус зэрах.
* Шу закъуэ бзылъхугъэм, е бзылъхугъэ гупым зыблэкlкlэ шыр игъажэ хъунукъым, уанэгум зыкъытриlэтыкlу фlэхъус ирихын хуейщ. Бзылъхугъэми шур къакlуэу щилъагъум-къэувыlэу, цlыхухъум и гъуэгъур зэпимыупщlын папщlэ, шур блегъэкl. Ауэ шур бзылъхугъэм епсалъэ хуей хъумэ-лъэбакъуэ бжыгъэ иlэжу къопсыхри, шыр сэмэгумкlэ иту, ижьыр бзылъхугъэм ириту бгъэдохьэри йопсалъэ.
* Шур къуажэм жэуэ пхырыкlыну хабзэкъым. Къуажэм шур жэрыгъэкlэ щызекlуэн хуитыр зауэ къэхъуамэ е мафlэс хъуамэт. А щхьэусыгъуитlри щымыlэу къуажэм шыр щызыгъажэм нэхъыжьхэр ехъурджауэт: «Дэнэ къэса, гъуамэ? Сыт апхуэдизу узыгъэгузэвар хабзэми уригъэбакъуэу?»-жэуэ.